🏕️🏔️Туризм — 15 июня 2026 г. в 09:54:01.964
🏕️🏔️Туризм Зэ зэвгъэлъагъу Бырмамытыр! Ди хэгъуэгум щыIэ бгы нэхъ дахэхэм хабжэ Бырмамыт тафэр (плато). Мыбы къызэщIеубыдэ къыр задэхэмрэ къуэладжэ нашэкъашэхэмрэ, каньонхэр, джабэхэр. Тафэр Малки, Кумы псыхэм я псыхъуащхьэхэм я гъунэгъуу щыӏэ къыр шытхым щыщщ. Ар хохьэ Тебэрды лъэпкъ парк къуэдымэзым икIи къэралым ихъумэ щӏыуэпс щӏыналъэхэм хабжэ. Абы и нэхъ лъагапӏэм — метр 2592-рэм Бырмамытышхуэкӏэ, и гъунэгъуу къыпэщыт бгым Бырмамыт ЦӏыкӏукIэ йоджэ (метр 2643-рэ). Мы тафэр туристхэмкIэ хуабжьу цIэрыIуэщ. Сурэттеххэмрэ блогерхэмрэ мыбы къокIуалIэ теплъэ къызэрымыкIуэхэр трахыну. А бгыщхьэхэм утету Кавказ шытх Нэхъыщхьэм, аузхэм, алъп хъупӏэхэм гъуэзэджэу уӏуоплъэ. Тафэм ищхьэмкӏэ щэху дыдэщ — жьым и ӏэуэлъауэ къудейщ зэхэпхынур. Абы ехьэлIауэ тхыдэ гъэщIэгъуэнхэри щыIэщ. Ди сайтми газетми абыхэм фыщеджэфынущ: https://cherkes-haky.ru/ze-zevgelagu-byrmamytyr/

