"Нэгъуейхэр: XXI лӀыщӀыгъуэ. Тхыдэр. Бзэр. Къежьапӏэм щыщӀэдзауэ къэкӏэнум хуэкӏуэу»
"Нэгъуейхэр: XXI лӀыщӀыгъуэ. Тхыдэр. Бзэр. Къежьапӏэм щыщӀэдзауэ къэкӏэнум хуэкӏуэу» Абы зэришэлӏащ Урысейм, Къэзахъстэным, Узбекистаным и академическэ институтхэм, щӀэныгъэ, егъэджэныгъэ купсэхэм къабгъэдэкӏахэр. Мы гъэм ар траухуащ нэгъуей ӀуэрыӀуатэдж цӀэрыӀуэ, зи лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщӏа Сикалиев Ашим къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъуну щытам. ЩӀэныгъэ Ӏуэхум къыхашахэм махуитӏым и кӀуэцӀкӏэ зэпкърахынущ тхыдэм, бзэм, ӀуэрыӀуатэм, литературэм, гъуазджэмрэ нэгъуеибзэр къыдэкӏуэтей щӏэблэм ӏурылъхьэнымрэ ехьэлӏа упщӏэхэр.