ТхылъыщIэм и лъэтеувэ
ТхылъыщIэм и лъэтеувэ БЗЭ ЛЪЭМЫЖ БЗЭРАБЗЭ Жэпуэгъуэм и 20-м Хьэбэз къуажэм дэт, Хъупсырокъуэ Назир и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ Унэм и концерт пэшым «БЗЭ ЛЪЭМЫЖ БЗЭРАБЗЭ» зи фIэщыгъэцIэ, адыгэбзэкIэ тха, сабийхэм яхуэгъэза тхылъыщIэм и лъэтеувэр щызэфIагъэкIащ. Тхылъыр зи IэдакъэщIэкIыр усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, КъЧР-м щIыхь зиIэ и экономист, ГуащIэдэкIым и ветеран, Урысей Федерацэм и тхакIуэхэм я Союзым хэт, Бзылъхугъэхэм я Союзым и Къэрэшей-Черкес хэгъуэгу къудамэм и ревизор Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэщ. Убгъуауэ газетым тетынущ.