ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭМ И ЛЭГЪУПЫКЪУ
ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭМ И ЛЭГЪУПЫКЪУ Къэрэшей-Черкесым гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэм и нэIэм щIэт, унагъуэмрэ сабийхэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтынымкIэ «Алые паруса» купсэм жэпуэгъуэм и 29-м «Радуга единства» фестивалыр щекIуэкIащ. Дауэдапщэр къызэрагъэпэщащ мы гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу зэрагъэувам ипкъ иту. Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и фэеплъ Iуэхугъуэ дахэм къеблэгъащ Министерствэм и нэIэм щIэт къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI Исуновэ Фаридэ, абы и лэжьэгъу Мерамовэ Радмилэ, езы купсэр щIэгъэкъуэн зыхуэхъу сабийхэр, абы щезыгъаджэхэр, нэгъуэщIхэри. ЖыIэпхъэщи, фестивалыр икъукIэ нэжэгужэу, лъэпкъ зэныбжьэгъуэр псалъэ къудеуэ зэрыщымытыр наIуэ пщыхъуу зэхэтащ. АтIэ, езы купсэм щыщ егъэджакIуэхэмрэ сабийхэмрэ ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я хьэщIэщ-пщIантIэхэр къызэрагъэпэщащ. Ахэр, дэтхэнэри, дахащэт, лъэпкъхэм я щэнхабзэр, я тхыдэр, я шхыныгъуэхэр къаIуатэт. #АлыеПаруса
Канал в каталоге Максиметера
339 подписчиков · Госорганы и учреждения