Сценэр — фащэу хуадам хуэдэт — 1 июня 2026 г. в 10:18:16.451
Сценэр — фащэу хуадам хуэдэт АртистыцIэр зехьэгъуафIэкъым. ЩIыземыхьэгъуафIэри? Артист ухъун папщIэ уи щIыбагъ цIыху пэжхэр къыдэтыпхъэщ, уджалэмэ укъаIэтыжыфу, уаутхыпщIыжыфу, уи гур къекIуами, ар къызэрагъэгъуэтыжыну хьэзыру. Мис апхуэдэхэр уи гъащIэм хэтмэщ зыббжыжыну нэхъ къыщекIур уехъулIауи, щхьэмахуэ ухъуауи. Ипэ силъадэу жысIэнщи, мы тхыгъэр зытезухуэн си гугъэ АРГУН Олег Умар и къуэм — Абхъаз АССР-м щIыхь зиIэ и артист, гуащIэдэкIым и ветеран, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и актер пажэхэм, курыххэм ящыщу лъэпкъ гъуазджэм илъэс куэдкIэ хуэпсэуа, хуэлэжьам, зыкъом щIащ и фэеплъыр дгъэлъапIэу щIэджыкIакIуэхэм дакъыхутепсэлъыхьыну зэрыигъуэрэ. УзэплъэкIыжыхун нэм къыщIоуэ, гум къоуэ абы журналистхэм хужаIамрэ хуатхамрэ емыкIу дыдэу зэрымащIэр... ✍ЛЫХЬ Тимур Убгъуауэ сайтми газетми фыщеджэ: https://cherkes-haky.ru/sczener-fashheu-huadam-huedet/

