Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цlэр зэрихьэу Инэрыкъуей къуажэ дэт курыт еджапlэм бзэм и махуэм... — 23 февраля 2026 г. в 10:53:47.441
Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цlэр зэрихьэу Инэрыкъуей къуажэ дэт курыт еджапlэм бзэм и махуэм теухуауэ Мазаем – 21-м щекlуэкlащ «Акъыл жан» джэгу-зэпеуэ. 5-6-нэ классхэм щеджэ еджакlуэхэм щыщу гупитl зэпеуащ: псалъэжьхэмкlэ, къуажэхьхэмкlэ, псынщlэрыпсалъэхэмкlэ, псысэхэмкlэ, таурыхъхэмкlэ, прозаическэ тхыгъэхэмкlэ, усэхэмкlэ. «Дыгъэ» гупымрэ «Вагъуэ» гупымрэ куэдрэ зэныкъуэкъуа иужькlэ текlуэныгъэр къахьащ «Вагъуэ» фэщыгъэцlэ зиlэ 5-нэ классым щеджэ гупым. Зэпеуэхэр гъэнщlауэ щытащ усэхэмкlэ, уэрэдхэмкlэ, къафэхэмкlэ, хъуэхъухэмкlэ.

