📰НэхъыфI дыдэхэм ящыщу
📰НэхъыфI дыдэхэм ящыщу Куэд щIакъым «Орлёнок» сабий купсэм «Хрустальные звёздочки» Урысейпсо фестиваль-зэхьэзэхуэм и Iыхьэ ныкъуэр зэриухрэ. Абы хэтащ ди къэралым и хэгъуэгу 36-м къабгъэдэкIа сабийхэр. Зэпеуэр номинацищымкIэ екIуэкIащ: уэрэджыIэхэр, къэфакIуэхэр, макъамэ Iэмэпсымэм еуэхэр. Жюрим и пашэу щытар Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, Къэрал Кремль Унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Глазов Евгенийщ. Нэхъыщхьэращи, Урысей псом щыщу мы зэпеуэм хыхьа ныбжьыщIэхэм яхэтащ Къэрэшей-Черкесым и Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыщ, ди лъэпкъэгъу щIалэ цIыкIу ЛIымаху Расим. Ар хыхьащ зи ныбжьыр илъэси 7-12-м ит сабийхэм я гупым, икIи «Исполнительское мастерство» номинацэмкIэ нэгъуэщI зэчиифIэхэм япеуащ. ✍️ГЪУКӀЭКЪУЛ Иринэ https://cherkes-haky.ru/nehyfi-dydehem-yashhyshhu/