📰Дифl догъэлъапӏэ
📰Дифl догъэлъапӏэ Зи пшынэбзэр дахащэ Пшынауэ Iэзэм нэгъуэщIу елъагъу уафэмрэ щIылъэмрэ, ар цIыхугуми, хы лъащIэми, къуршхэм я нэхъ лъагэ дыдэми носыф и псэм къиIущэщ нотэ мытхахэмкIэ. Хэт ди адыгэм апхуэдэ зэфIэкI зиIэу нобэ къытхэтыр жыпIэу угупсысэмэ, япэу уи щхьэм къэкIыр, Тхьэм ирещIи, нэрыбгэ зытIущщ. Апхуэдэ зыщ мы тхыгъэмкIэ зи гугъу фхуэтщIыну щIалэр — Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Черкесым, Ингушетием щӏыхь зиӏэ я артист ЛIЫБЗУ Аслъэн Нурдин и къуэр. Абы и ныбжьыр мы гъэм илъэс 45-рэ зэрырикъуамрэ Ищхъэрэ Кавказым и хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм юбилей концертхэр къыщитыну зэримурадымрэ щызэхэтхым, зыпытщIэри депсэлъащ и творческэ лэжьыгъэм и Iуэху зыIутым теухуауэ. ✍️Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ Убгъуауэ сайтым фыщеджэ: https://cherkes-haky.ru/zi-pshynebzer-dahashhe/