Ди шыпхъухэ, дядэ-анэхэ, ди къуэшхэ, — 21 мая 2026 г. в 06:30:31.777
Ди шыпхъухэ, дядэ-анэхэ, ди къуэшхэ, ЩIы фIыцIэр жэнэт пщIащэ зыхуэхъун, Насыпыр лъэпкъ къабзагъэкIэ ягуэштэм, ЩымыIэт хьэрхуэрэгъу фэ къыфхуэхъун. Фи лIыгъэкIэ фэ псоми фраплъапIэт, Фи хабзэкIэ Кавказым фрищIыхьт, Фи Хэкум къизышием зэ и лъапэ Къыщыхъурт илъэгъуахэр жэнэт пщIыхь. АрщхьэкIэ пцIыр здэуэркъ мы дунеижьу, Здэмысэу хейхэр, мысэхэр здэхейм, Лъыжае зауэм къыфхукъуэури и жьыр, ИщIащ фи натIэу щыIэм я нэхъ Iейр: Иныкъуэр фикIуэдащ зэуапIэ губгъуэм, Иныкъуэр гъеймрэ узымрэ фихьащ. Абыхэм къащIэнар ищхъэрэ жьыбгъэм Зэрыдунейуэ дыщрикъухьащ. Дэ дыпсэухукIэ дгъэлъэпIэнущ фи цIэр, ФлъэкIащи фи псэ къабзэхэр щIэфтын КъарукIэ къывэбэкI хамэдзэ фIыцIэм Лъэпкъ щIыхьыр имыщIыным лъэгущIэтын. (Бемырзэ Мухьэдин)

