📚Дунейпсо Адыгэ Хасэм Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу илъэсий хъуауэ къызэрегъэпэщ а... — 13 марта 2026 г. в 14:22:30.864
📚Дунейпсо Адыгэ Хасэм Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу илъэсий хъуауэ къызэрегъэпэщ адыгэбзэмкIэ Iуэрытхыр. Мы гъэм ар жыджэру щрагъэкIуэкIащ Мейкъуапэ, Черкесск, Ставрополь, Мэздэгу, Москва, Санкт-Петербург, Красноярск, хамэ къэрал куэдым щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэми щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щатхащ. 📚Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу анэдэлъхубзэм хуищI пщIэмрэ абы теухуауэ иIэ щIэныгъэмрэ зыгъэлъэгъуэну тегушхуахэр щызэхуэсащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым. Абы къищынэмыщIауэ, курыт еджапIэхэмрэ район библиотекэхэмрэ щызэхуэсахэм я бжыгъэри мащIэкъым. Псори зэхэту къапщтэмэ, ди республикэм щыщу мы гъэм цIыху мин 12-м щIигъу хэтащ Адыгэ Iуэрытхым. 📚2026 гъэм ар траухуащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым. Къыхахар Теунэ Хьэчим и «Псэм и IэфIыр къуатмэ» и романым щыщ пычыгъуэщ. Iуэху дахэр къыщызэIуихым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жэрдэмрэ гукъыдэжрэ зиIэу диктант зытхыну, лъэпкъ Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьэну къызэхуэса псоми фIыщIэ яхуищIащ. 📚- Адыгэ щыпсэу щIыналъэ, къалэ псоми щатх адыгэ Iуэрытхыр. Нобэ къызэхуэсахэм зэрызыфхуэзгъэзэнур зыщ - ди лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр, бзэр иджыри къэс къызэрыддэгъуэгурыкIуэм хуэдэу, ар фи Iэпэгъуу фи гъащIэ гъуэгуанэр фкIуну Тхьэм жиIэ. УФ-м и Президент Путин Владимир сытым дежи жиIэ зэпытщ дэтхэнэ лъэпкъми и бзэр, хабзэр, анэдэлъхубзэр ихъумэн зэрыхуейр, ауэ щыхъукIэ, дэри дыхущIэкъупхъэщ Урысейм и лъэр зыгъэбыдэ, къэралым и фIыгъуэу къалъытэ а щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм дахуэсакъыну, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр тхъумэну. Мы гъэр, фызэрыщыгъуазэщи, Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсщ. ДяпэкIэ зэманым къытхуигъэув гугъуехьхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ зэфIэзыхын хуейуэ зи пщэ къыдэхуэнур фэ щIалэгъуалэращи, сыхуейт мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэхэм фыхуэнабдзэгубдзаплъэу, лъэпкъ Iуэхуу кърахьэжьэм фыхуэжыджэру, ди къэралышхуэм ифI зыхэлъ жэрдэмхэр дэвгъэкIыным фыхуэпабгъэу фыпсэуну, - жиlащ Сэхъурокъуэм. ✍️НЭЩlЭПЫДЖЭ ЗАМИРЭ. 📸КЪАРЕЙ ЭЛИНЭ.

