Урысей парламентаризмэр мы гъэм мэлыжьыхьым и 27-м илъэси 120-рэ ирокъу. Абы ирихьэлlэу... — 25 апреля 2026 г. в 10:29:35.404
Урысей парламентаризмэр мы гъэм мэлыжьыхьым и 27-м илъэси 120-рэ ирокъу. Абы ирихьэлlэу депсэлъащ КъБР-м и Парламентым и депутат, «Пашэхэм я зэщlэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щlыналъэ къудамэм и унафэщl Шыпш Аслъэн.Депутатым и гупсысэхэм щыщ: - Николай Етlуанэм 1906 гъэм мазаем и 20-м (иджырей къэбжыкlэмкlэ гъатхэпэм и 5-м) къыдигъэкlа манифестым палатитl хъу убзыхукlэм - Къэрал Советымрэ Къэрал Думэмрэ - я лъабжьэр игъэт1ылъат. Апхуэдэ lуэху бгъэдыхьэкlэрщ ик1эм-ик1эжым щlыналъэшхуэ зиlэ, лъэпкъ, дин зэхуэмыдэ куэду зэхэт къэралым хуэкlуэу къыщlэкlар. - 1990 гъэхэм ебгъуанэ классым сыщlэсу сэ си хъуэпсапlэ хъуат юрист сыхъуну. Абы щегъэжьауи набдзэгубдзаплъэу сыкlэлъыплъын щlэздзат къэралми ди щlыналъэми щекlуэкl политикэ lуэхухэм. Ди адэм селъэlури, урысей, парламент газетхэр абы къысхуищэхуу щытащ. Ахэр сэ набдзэгубдзаплъэу щlэзджыкlырт. Нобэ Парламентым щызэхэт политикэ парт зэмылlэужьыгьуэхэм я lуэху бгъэдыхьэкlэр зэмыщхьми, псори зэлэжьыр зыщ - къэралым и цlыхухэм я зыужьыныгъэрщ... Интервьюм фыкъыщеджэфынущ ди газетым и иужьрей къыдэкlыгъуэм. Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.

