⚜️ КъБР-м и Музыкэ къэрал — 1 апреля 2026 г. в 18:06:14.630
⚜️ КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым, мэлыжьыхьым и 1-м, Ауанымрэ гушыIэмрэ я махуэм щокIуэкI гушыIэ жанрым и артистхэу, УФ-м и цIыхубэ артистхэу ТIыхъужь Алийрэ ДыщэкI КIунэрэ я цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ фестивалыр. ⚜️ КАВКАЗ Ищхъэрэм и хэ- гъэгухэм щыщ, гушыIэ жан- рым и артист цIэрыIуэхэм К ъ э б э р д е й - Б а л ъ к ъ э р ы м щыпсэухэмрэ ди хьэщIэхэмрэ я пащхьэм щагъэлъагъуэр я лэжьыгъэ нэхъыфIхэр. ⚜️ Утыкур ягъэбжьыфIэр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрхэм, КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым я артистхэм. Абыхэм ягъэлъагъуэ я Гусева спектаклхэм щыщ теплъэгъуэхэр. Къинэмыщ1ауэ, пшыхьыр ягъэдахэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я ар- тистхэм. ⚜️ Ауанымрэ гушыIэмрэ я махуэм ирихьэлIэу илъэс 30-м щIигъуауэ Налшык къы- щызэрагъэпэщ ТIыхъужь Алийрэ ДыщэкI КIунэрэ я цIэр зезыхьэ театр фестива- лыр. Республикэм и театр- хэм я артистхэм къыдэкIуэу гъунэгъу щIыналъэхэм къи- кIа хьэщIэхэри абы зэрыхэ- тыр и щыхьэтщ мы артист щэджащэхэм я цIэр лъэпкъ драмэ гъуазджэм и тхыдэм къызэрыхэнам. ✍️🎥 ТЕКIУЖЬ Заретэ.

